You are not logged in

Щlымахуэ

Щоджэнцlыкlу Алий

Щхьэхынэу пшагъуэбэм щlы напэр еуфэ,
Чэф щӀыкӀэщ жыг тхъуахэр щыгъэхум зэрешэ.
Псы уэрхэр Ӏущащэу мыл кхъуафэм щокӀуасэ,
Ӏэсэхэщ, нэщхъейхэщ, мылищэр зэрахьэ.
Щlы тафэр зэхуэдэу бжьэхуцкlэ хуэпащ.
Вындыжьхэу макъейхэр шыгъуэгум епщӀащ.
Щlы щхьэфэр къузащи лъэбакъуэм дощэӀур,
Ӏэжьэлъэр щытежкlэ дзыхащи догызыр.
Дыгъэр щlымахуэм кӀасэу къыщӀокӀ, пасэу къохьэж,
щӀагъуэуи уигъэхуабэкъым абы и бзийхэм.
Щlымахуэ махуэхэр кlэщlщ икlи щlыlэщ.
Щlымахуэм уэс къосри псыр мэщт.
Жыгхэм я пщlащэхэр полъэлъри пцӀанэу къонэхэ.
Къуалэбзухэм я нэхъыбэlуэр щlымахуэм хуэбапlэхэм мэкlуэжхэ.
Хьэпщхупщхэр щlы щlагъым щопсэухэ.

Vocabulary:

  1. абы: he, him, she, her, it (ergative case)
  2. уэс: snow
  3. щхьэхынэу: lazily, slothfully, indolently, languidly
  4. чэф: intoxication, enebriation, condition of drunkenness
  5. жыг: tree
  6. псы: 1. water 2. river, stream
  7. ӏущащэу: in a whisper, in whispers
  8. мыл: ice
  9. зэхуэдэу: equally, evenly
  10. кӏасэу: late
  11. пасэу: early
  12. пцӏанэу: 1.naked, in the nude 2. lightly, with little or no luggage