You are not logged in
Зэман
Балъкъэр Фоусэт
Зэманыр дакъикъэу мэлъалъэр,
Зэхитхъуэу, зэхипщэу цIыху псалъэр.
Зэманыр бэуэгъуэу мэлъатэр,
Ди тхыдэр, блэкIахэр къиIуатэу…
Зэманыр лъэщ дыдэу мэбакъуэр,
ЩIиуду и лъабжьэр ныкъуакъуэм.
Зэманым имыщIэ къэгъазэ,
ИмыщIэ ди махуэ, ди мазэ…
«КъэувыIэ», «Къызэжьэ» имыщIэ -
Пхихынущ и гъуэгур уи гущIэм.
Зэманым епхъэнкIыр цIыху нэдхэр,
Е зыщIэу мы щIышхуэм щыкуэдхэр!..
Зэманым ещI фае цIыхуфэр, -
Ехъуэжыр зэмыщхьу я плъыфэр.
Зэманым лъэмыкI зы щымыIэ,
Емыплъ ар уи гуфIэ, уи гуIэ.
ЦIыху гъащIэр трипхъэу тетщ щIышхуэм,
Зэманыр тпхырокI дэ фочышэу!..
Зэманым хуэзыщIыр зы унэ,
Езытыр фIы дыдэу Хэку быныр,
Езытыр мылIэжу зы усэ -
Къегъанэ зэманым и купсэу…
Зэманыр усакIуэм и набдзэщ -
И тхыбзэр пэжыгъэу зыгъабзэр…
Пэлъэщкъым зэманыр усакIуэм, -
Усэбзэу псэ дахэм и джакIуэм…
…Сышынэу зэманым семыплъу,
Сыпожьэ сэ фIыгъуэ сIэщIэлъу:
Си усэм ныIуещIэ и гъуэгур, -
Тетынщ ар пIалъэншэу мы щIыгум…