You are not logged in
Къосыр уэс…
Бицу Анатолэ
Къос жьыбгъэм кърихьэкIыу,
ПIащэу, щабэу…
ЩIылъэ псор еуфэбгъу.
Сэ уэращ,
Уэ зырщ сигу нобэ къэкIыр –
Уэ къыщесыр уэсыр
ФIыуэ плъагъут.
Къосыр уэс…
Къыстосэ ар си закъуэу,
Уэ нэгъуэщIым
Иджы удэщIыгъущ.
Фыхэт хъунщ мы уэсым
Фи щIэщыгъуэу…
Уэ къыщесыр уэсыр
ФIыуэ плъагъут.
Къосыр уэс…
Уэ си гум укъэкIауэ,
Гурыгъу мафIэ щэхум
Си бгъэр ес.
Сэ уизгъэхужынут сигу
Куэд щIауэ,
Сэ уизгъэхужынут си гум,
Ауэ,
Къосыр уэс…
Къос пIащэу, щабэу уэс…