You are not logged in

ЗгъэкIуащ жэщ псор нэбэнэушэу

Ацкъан Руслан

ЗгъэкIуащ жэщ псор нэбэнэушэу.
Мэпсалъэ уэшхыр - зэремыш.
Апхуэдэу батэ зэригъэшыр
си адыгэбзэу къысщохъуж.
АрщхьэкIэ щыткъым къызгурыIуэу
уэшх гумэщIам и псалъэ къэс.
Къепсэлъри арагъэнщ куэдыIуэ,
нэхъыщхьэм моуэ зэ нэгъэс.
СыходэIухь нэху щыхукIэ уэшхым,
гурыщхъуэ гуэрхэри сощIыж.
КъыщIэкIмэ си бзэр сщыгъупщэжу -
нэхъ насыпыншэ къэгъуэтыж…

Vocabulary:

  1. псалъэ: 1. word, lexeme 2. speech, conversation
  2. уэшх: rain
  3. нэхъ: 1. more, to a greater degree or extent 2. except, unless, perhaps, maybe, only
  4. нэху: 1. light from sth (for example, the sun, a lamp) 2. an illuminated or lit place 3. a joyful, bright facial expression 4. dear, dearest, beloved (an endearing way for a woman address her children or her loved one)
  5. жэщ: night
  6. нэбэнэушэу: sleepy, in one"s sleep; in a state of drowsiness
  7. апхуэдэу: thus, so, in that way
  8. батэ: see "псалъафэ зэпыщӏахэр"
  9. моуэ: only
  10. гурыщхъуэ: suspicion
  11. насыпыншэ: unfortunate, unlucky, miserable, poor, wretched, pitiful, pitiable