You are not logged in

Йощэщ IэмыщIэм пшахъуэ гъущэр

Ацкъан Руслан

Йощэщ IэмыщIэм пшахъуэ гъущэр,
зы хьэдзэ Iэгум кIэрыпщIащ.
Зэпызоплъыхь ар, тхытхыу гущIэр,
а цIыкIум си псэм щыщ къыпхощ.
КъыщIоплъэ си нэм, дзыхь имыщIу,
къысфIощI, соплъыпэри, кIэзыз.
Си Iэгум илъыр сIэщIэщэщу
ар къыщIэнами согупсыс.
ИгъащIэм жаIэ пшахъуэр хэхъуэу,
хэхъуэнщ мы цIыкIури, мывэ хъуху.
Мин дапщэ хуей абы лIэщIыгъуэу,
дунейр щытыну апщIондэху?
Си пшахъуэ хьэдзэр псыежэхым
хэзгъэтIысхьащи, щIотIысыкI.
СогъэщIэгъуэж апхуэдэу щIэхыу
ар зэрыхъуари сигу пымыкI.
Ар къысщыхъуащ сэ псом нэхъ хейуэ,
сутIыпщри - сыкъэгумэщIащ.
СфIэщIакъым мывэ хъуну хуейуэ,
аращ и нэгу абы къищар…

Vocabulary:

  1. щыщ: see "псалъафэ зэпыщӏахэр"
  2. абы: he, him, she, her, it (ergative case)
  3. нэхъ: 1. more, to a greater degree or extent 2. except, unless, perhaps, maybe, only
  4. дзыхь: trust, confidence, credibility, faith, credence, belief
  5. хьэдзэ: 1. grain, corn 2. a sharp-edged stone
  6. аращ: therefore, for that reason, thus, so
  7. апхуэдэу: thus, so, in that way
  8. пшахъуэ: sand
  9. мывэ: rock, stone
  10. мин: one thousand, 1000
  11. дапщэ: how much, how many?
  12. хуей: clearing, meadow (in the middle of a forest)
  13. нэгу: face, physiognomy