You are not logged in

Къулъкъужын и зы махуэ

Щоджэнцlыкlу Алий

Къуэ щхъуантlэ уэхым и лъащlэм
Псы гъуджэ цlыкlур щопщlыпщlэ.
Ткlуэпс щlыlэ щыгъэхэр lуфитlым
Я удз шlэращlэхэм хеутхэ.
Псынэ абджыфэм и lуфэм
Жыг хьэлэмэтхэр тожьауэ,
Дыгъэ нур гуащlэм пэлыду
ЗишэщӀ – зиӀуантӀэу мэкӀуасэ.
Махуэр хуабейщи, бгы нэкӀухэм
Удз епэр тхьэмпэхэр щолалэ.
Къуалэбзу цlыкlухэри бэмпlауэ
Псы щабэ lуфэми щохуарзэ.
Махуэ нэщхъыфlэм и дыгъэр
Гъуэгу зэхуэдитlым фӀэкӀат.
Зекlуэ шуужьхэу пшэ гупхэр
Бгыхэм къыдэпщу хуежьат…
А зы сыхьэтым дыщэблэм
Пщэр зэгуеудри зеупцӀ,
Щlылъэ удзыпцӀэм жэщыфэу,
Нэр зригъэплъкъым – зеуфӀыцӀ.
ЗэкӀэлъыпӀащӀэу а махуэм
Уафэм и топхэр мэгъуагъуэ,
Бгы жьэгъу лъагэжьхэм губжьахэу
Псыдзэ тенджызхэми зыщадзхэ.
Псынэ щхъуантlэпсу дыгъуасэм
Щыта псы махэр Индылщ.
Шыблэм и макъыр хэкlуадэу
Абы и хъущlэр иныжьщ.
Махъсымэ плъыфэр lуфитlым
Хьэ гужьеяуэ жьэхопхъуэ,
Зыхъумэ пхъуантэуи щытауэ
А къуэ зэв быдэри мэтIасхъэ.
Пшэхэм заунэщlри, куэд мыщlэу,
Бийм текlуа дзэуэ lуокlыжхэ,
Къулъкъужын цlыкlуми псы хьэхуу
Зыгъэгушхуари хокlыжхэ.
Сабий гъа напэу lуфитlыр
Ятlэпс щӀэжахэм ялащ,
Псыблэм зыпищlу къуэ лъэгум
Зишэщl – зиlуантlэу кlуэжащ.

Vocabulary:

  1. удз: grass, plant
  2. дыгъэ: 1. sun (spelled with a capital letter as an astrological term) 2.sun, light, warmth 3. my sunshine (a way of addressing a person you love to show endearment)
  3. абы: he, him, she, her, it (ergative case)
  4. махуэ: 1. day (not night) 2. day (24 hour period) 3. day, date (of the month)
  5. куэд: much, many, a lot of, lots of, plenty, a number of; plural
  6. гъуэгу: 1. road 2. trip, journey
  7. жыг: tree
  8. псы: 1. water 2. river, stream
  9. къуэ: son
  10. гъуджэ: mirror
  11. псынэ: 1. spring, source, artesian well 2. well
  12. нур: light, ray, shining
  13. бгы: mountain, summit, peak
  14. епэр: 1. violet 2. flower, blossom, blume
  15. къуалэбзу: wild birds (in general) (literally
  16. щабэ: 1. soft, not hard; not stale, fresh 2. soft, tender, plump (about a body) 3. soft (about metal, wood, etc.) 4. soft, powdery 5. light (about rain) 6. with small mesh, cells, fine-mesh 7. цith a soft character (about a person)
  17. пшэ: cloud
  18. жьэгъу: 1. the lower part of the chin, breast, chest 2. the foot (mountains)
  19. псыдзэ: flood, inundation, deluge
  20. махъсымэ: booze (kabardian national hop drink)
  21. хьэ: dog, hound
  22. зэв: narrow, confined, tight
  23. хьэхуу: for rent, for lease, for hire
  24. сабий: child, baby, infant