You are not logged in
Зы лъэбакъуэ закъуэ
Къагъырмэс Борис
Ар гъащIэ лъабжьэм къыщалъхуами,
Нэсыфырт псэкIэ мурад щыгу…
Иджы фIэкIа къыхуимыхуами,
Зыпыхьа Iуэхур ирихьт игу.
«Уэ Iуащхьэмахуэ дыдэпшыфым,
Сыт пхуэдмыщIэну къэбгъуэтын.
Уи IитIкIэ щэкIыу къэпIэтыфым
ЩIыгъужу, ахъши дэ уэттынщ…»
Чылар и пащIэ щIэгуфIыкIырт:
“Мы зиусхьэнхэр хъуаи жумартI.
И псалъэм тетт а лIыр темыкIыу.
Апхуэдэут ар зэрагъэсар.
И хэку и щIыхьыр къиIэтыну
ЩIэхъуэпсми, ар хузэфIэмыкIт.
Иджы шынэжу къикIуэтыну
Зи гугъэр хъунщ а гугъэм пыкI.
Ар кIуэнщ куэд щIауэ и гур здэплъэм…
И лъэпкъ ипIауэ лIыкъэ ар!
Гъуэгу щытехьэнум пIащIэу пэплъэу,
Махуищу махуэр ибжт Чылар.
Щымыгъ къилъыхъуэуи хэтакъым:
Джэдыгур хуабэщ, хуабэщ лъейр.
Мэлыфэ пыIэр ихъуэжакъым -
Бащлъыкъ фIишыхьмэ,
Iуэхукъым уейр.
«Ахъшэшхуэ», жаIэ. Нэпсеигъэм
Срихужьауэ, пэжщ, къафIощI.
СылъэIэсамэ сщIа си гугъэм,
ЩIэстынт, сиIамэ, сом мин тIощI.
СыкIуэнщ, сыкIуэнщ, си гъуэгур гугъуми!
Гугъуехь сыт хуэдэри сшэчынщ.
Лъэбакъуэ закъуэ фIэкIа нэхъ мыхъуми,
Сэ Iуащхьэмахуэ щыгу щысчынщ!