You are not logged in

Джабэ щыгум

Хьэту Пётр

(Къармэхьэблэ)
ДигъэгуфIэу, мис, къэсащ
ЦIыкIухэм къытхуэмахуэр,
НэфIэгуфIэу къытхуэкIуащ
ФIым я фIыж гъэмахуэр!
ЩIыбыр хуабэщ, дыгъэр къопс -
Мы дунейр нэхушхуэщ.
ДыдокI джабэм махуэ къэс -
Дэ дыхъуащ инышхуэ!
Укъеплъыхмэ, къуажэр цIыкIущ,
Балъкъи пфIощI лентI щIыхуу.
ДеплъыхыхукIэ дымыщIа
Псыр апхуэдэу кIыхьу.
Джабэ щыгум къыпфIегъэщI
Уэгу лъащIэншэм уиту.
Жьыр жьэдэши, уи Iэр шэщI -
Улъэтэнщ бзу хуиту!..

Vocabulary:

  1. хьэту: name of a circassian national dance
  2. къэс: 1. each, every 2. to (indicating the limit, border or extent of sth)
  3. махуэ: 1. day (not night) 2. day (24 hour period) 3. day, date (of the month)
  4. апхуэдэу: thus, so, in that way
  5. джабэ: 1. side (part of the torso or body) 2. side (of an object)
  6. уэгу: freckles
  7. бзу: sparrow; any small bird