You are not logged in

Сабиигъуэм щыщ

Ацкъан Руслан

Сэ мафIэгухэм фIыуэ сыкъалъагъу,
ар къызэрызэджэмкIэ къызощIэ.
Я зекIуапIэр ахэм мыгъунэгъу,
ауэ щыблэкIынур зыхызощIэ.
Зэм си пщIыхьым къыхыхьэнщ мафIэгу,
сехъуэпсэнщ къыдэплъхэм и щхьэгъубжэм
СитIысхьэнум къэнэжар зытIэкIут...
Сыкъигъэушынщ, кIыргъынщи ди бжэр.
Блыным тещIэ ныбжьыр кIэзызынщ.
Сэ къыстрипIэжынщ шхыIэныр сянэм.
СфIэкIуэдынщи жейр, сегупсысынщ:
«Дэнэ сыздэкIуэнур, ар къэзгъанэу?»
Гугъэр нэхъ ерыщу къыщIэкIынщ,
сыкIуэсэнщи, сытетынщ гъущI гъуэгум.
Къэмыс щIыкIэ, гуфIэу, къызэджэнщ
гухэхъуэгъуэ къысхуэзыхь мафIэгур.
Мис аргуэру зым и ужь сиплъащ,
зыхузогъэгусэ си фIэщIыпэу.
Сэ мафIэгухэм фIыуэ сыкъалъагъу,
ауэ щхьэ самышэрэ зыщIыпIи?

Vocabulary:

  1. ауэ: but, however, on the other hand
  2. щыщ: see "псалъафэ зэпыщӏахэр"
  3. нэхъ: 1. more, to a greater degree or extent 2. except, unless, perhaps, maybe, only
  4. зэм: 1. то..., то... 2. один раз..., другой раз...
  5. ерыщу: obstinately, stubbornly, determinedly
  6. гухэхъуэгъуэ: happiness, joy, celebration
  7. мис: here (is, are, was)! there (is, are, was)! that’s it.
  8. аргуэру: once again, anew, afresh
  9. ужь: trace, footprint, track
  10. щхьэ: 1. head (human, animal) 2. head (unit for counting livestock) 3. the top, cover or lid of sth 4. roof