You are not logged in

Дыгъэ бзийр си пшынэ Iэпэу…

Балъкъэр Фоусэт

Дыгъэ бзийр си пшынэ Iэпэу
Мы лIэщIыгъуэм сэ сыкъыхалъхуащ.
Гъатхэ дахэу гъащIэм иIэм
Япэ пцIащхъуэу абгъуэм силъэтащ.
Гугъэр, фIыгъуэр, насып IэплIэр
Си щIыб илъу цIыхухэм къахуэсхьащ.
Удз гъэгъам мэ IэфI япылъыр,
Жыг гъэгъахэр цIыхухэм сэ естащ.
Къыздэсхьащ нэхущ дыгъэпсыр,
Бзухэм уэрэд дахэу ягъэIуар,
Уэшхыпс хуабэу щIыр щIэхъуапсэр,
Лэгъупыкъур фэ куэду зэриIар.
Къыздэсхьащ мы щIы къэкъуалъэм
Псалъэ ткIийуэ ар зэрагъэупщIыIу;
Бгырыс пщащэу щытар лъахъшэу
СщIыщ щхьэхуити къуршхэм схьащ и щыгу.
Лъагъуныгъэм епщIыхь мыхъумэ
ЗыхащIэну псэкIэ хуимытам
ЕзгъэщIащ сэ абы хэлъ IэфIыгъэр,
Гухэлъ гуапэм хуиту зыратащ…
Нэмыс дахэр цIыхухэм зэхуаIэфу,
ГущIэ псомкIи ялъагъуу я Хэку,
Я ныбжьэгъухэм хуэгуфIэу я нэгу, -
Дыгъэ бзийкIэ цIыху гъуэгухэр згъэнэхуу,
Дыгъэ нурыр зыIурих Хэку дахэу
Мы лIэщIыгъуэм сэ сыкъыхыхьащ.

Vocabulary:

  1. дахэу: beautifully, prettily, attractively, well
  2. удз: grass, plant
  3. псалъэ: 1. word, lexeme 2. speech, conversation
  4. дыгъэ: 1. sun (spelled with a capital letter as an astrological term) 2.sun, light, warmth 3. my sunshine (a way of addressing a person you love to show endearment)
  5. абы: he, him, she, her, it (ergative case)
  6. гъатхэ: spring (season)
  7. уэрэд: song
  8. гухэлъ: 1. intimate feeling; dream 2. beloved, dear
  9. насып: happiness, joy; luck, good fortune
  10. жыг: tree
  11. балъкъэр: balkar (man, woman, language)
  12. хэку: 1. country, state 2. homeland, motherland, fatherland
  13. куэду: 1. very 2. in large quantity
  14. япэ: 1. first (ordinal number) 2. original, earliest 3. of the highest significance, main, most important; best in quality
  15. нэмыс: 1. decency, propriety 2. honour, respect
  16. пшынэ: accordion
  17. нэхущ: dawn, sunrise
  18. уэшхыпс: rainwater
  19. хуабэу: 1. warmly, hotly 2. warmly, tenderly, cordially
  20. бгырыс: highlander, mountain men, mountain people (man, woman)
  21. лъахъшэу: low, not high
  22. мыхъумэ: except, perhaps, only
  23. хуиту: 1. without hinderance, without problems, obstacles or trouble 2. freely, at ease, without constraint 3. easily, without difficulty; fluently 4. easily, calmly